Адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэр/Еханэ Iыхьэ
ФIэхъус апщий, адыгэ и бын. Илъэс ныкъуэ нэблагъэкIэ адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэр джыным теухуауэ екIуэкIа лэжьыгъэм чэзукIэ кIэунэ иреттыжу иджыри зы нэтынкIэ дыфщIэупщIэмэ ди гуапэт. КIыхь зещI, зэпеш къытхужывмыIэ, зы нэтын-нэтынитIкIэ зэфIэдгъэкIын дигугъар кIыхь щIэхъуар зи фIыгъэр ди япэ итауэ гъэщIэгъуэн къэзыгъэщIахэращ. Адыгэ и кIуэцIкIэ ныкъуэкъекIуэкI хъуами, хамэ и унафэ хэлъами, ди дыгъуасэм щыщщ сэветскэм щыгъуэ жыггъэкIыным пыщIауэ Къэбэрдейм ди кIуэцIкIэ щыхъуари. Сэвет зэманым екIуэкIа Iуэхухэр тIу ипIщIыкI хъунущ: къэралым и унафэ, и сом хэлъу кIэлхозхэмрэ сэвхозхэмрэ щекIуэкIамрэ унагъуэхэм унейуэ щекIуэкIамрэ. Къэрал IуэхукIэ хъуам и щапхъэфIщ Кенже щагъэтIысауэ щыта жыг хадэхэр.