Добавить
Уведомления

Хэкужь/Адыгэ шуудзэ/21.05.2019 гъэ

Шырэ лIырэ я гъуэгуанэ банэрэ шыпсыранэу зэщIэкIами... Къетыкъуэ тIуащIэ и лъащIэм зэщIифа адыгэлъым и щIэблэр блырэ бланэу къызэщIорыуэжри, щыIар я уIэгъэу, щыIэнур я хущхъуэгъуэу мэшэс. Напэ зиIэу лIэжахэм напэ уиIэу укIэлъыпсэуныр абы ипщэкIэ зыри мыкIуэжыну лъапIэщ. Лъэпкъ щхьэ лIапIэ ихьахэм я хьэдэр къранэу къытхураха хъуэпсапIэм и нэхуапIэ хъуныр уи пщэ дэлъыныр хьэлъэщ. Шырэ лIырэ я гъуэгуанэ банэрэ шыпсыранэу зэщIэкIами, уи лъэпкъ уигу хуэпцIанэрэ, уи псэ хуэпсыхьамэ, ушуупэхутэщи, Хьэрэмэ Iуащхьэ зэхудипIалъэщ, адыгэ и бын... къекIуэлIэж. Бэрэгъун Владимир и макъ зыхуэджа ди адэжьхэм фи псэ щыгуфIыкIыну... Шыбзыхъуэхэ Астемыр 22.02.2019 гъэ.

Иконка канала Shebzukho Astemir
1 подписчик
12+
7 лет назад

, чтобы оставлять комментарии