Шапсыгъ лIыжьхэр/Андемыркъан и уэрэд
Ахэр иужьырейт... щыIахуэт, къутахуэт, ауэ махуэт... Ахэр адыгэ щIыгум къыщIэна бын мащIэм я лъхужт... Ахэр зыхалъхуам щымыщу дыгъуасэм и сахуэт... Ахэр кIами, щIами, хъуами ядэкIт, ядэщIт, ядэхъут... Ахэм хьэщIэщ-хьэщIэщкIэрэ хабзэр щагъафIэт... Ахэм ягу-япсэ адыгагъэр щагъэжьэнтIэт... Ахэм къахэпса щыIэпс бзийм мазэр из ищIт... Ахэм я цIыхугъэ хьэпщи хупщи, хьэкIи, кхъуэкIи хурикъут... Ахэм я закъуэ щхьэкIэрэ я зэкъуащэт... Ахэр - ахэрат, мохэри - дэрат ... Шыбзыхъуэ Астемыр 28.11.2018 гъэ